Бемурзов мухадин стихи на черкесском
Обновлено: 22.11.2024
Бгым ex мывэшхуэм здырехьэх дэщIыгъуу
ЩыхупIэ гъуэгум телъу къыпэщIэхуэр,
ЩыгуфIэ къохъур цIыхур, къохъур щыгъуэу,
Показать полностью.
АрщхьэкIэ, ар и хамэ Iуэху къыщыхъуу,
Гу зиIэр зэикI къыпкIэлъыплъкъым щэхуу.
Хъерыгъуэ къыщохъулIэм къыбдэгуфIэу
Уи пщIантIэм Iэуэлъауэу ар дэтынущ,
Еуэнущ Iэгу, щIихыхукIэ и Iэгуфэр,
Уафэгум нэсыхункIэ уиIэтынущ.
Е гуауэ къохъулIауэ зэхихамэ,
Щыгъуэнущ, игу къэмыкIыу фэрыщIыгъэ…
ЦIыхугъэм зэхимыдз Iыхьлы е хамэ,
Абы гудзакъэныгъэрщ фащэу щыгъыр.
(с) Бемырзэ Мухьэдин
Нравится Показать список оценивших
БЕМЫРЗЭ МУХЬЭДИН И ДУНЕЙР запись закреплена
Нравится Показать список оценивших
БЕМЫРЗЭ МУХЬЭДИН И ДУНЕЙР запись закреплена
Бемырзэ Мухьэдин еджапlэм щеджэм зыхэса классымрэ егъэджакlуэхэмрэ я зэlущlэм.
Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэ.
БЕМЫРЗЭ МУХЬЭДИН И ДУНЕЙР запись закреплена
Си тенджыз ФIыцIэ
Си тенджыз ФIыцIэ,
Показать полностью.
хыуей хэжеям и пщIыхьэгъу.
Зэ узылъагъум
лъэкIынукъым игу уимылъын.
Нэхур зэрыщу
къохъейхэри, дыгъэр къухьэху
Хы тхьэрыкъуэхухэр
мычэму уи щыгум щоплъыр.
Мис иджыпстуи
уэ ахэр даущу пщхьэщытщ,
Дамэ шэщIахэмкIэ зыхагъэпскIыхьу хьэуам,
Сэри сыноплъ,
уи дахагъым сищIауэ хьэщыкъ,
ЦIэуэ фIэсщынур
сымыщIэу гухэлъ къыстеуам.
Уэри зэхэпщIэ
сфIэбгъэщIу пIейтIей сызыщтар,
Укъызэрысу си пащхьэм уохъужри нэхъ щэху,
УокIуэсэхыжыр
здепхьэхыу ятIагъуэ щIытар
ЩIэуэ зэхуэсу
толъкъун къыппежьам уIущIэху.
Хуэму толъкъунхэр
щопсалъэр нэпкъ лъабжьэ щIэхам.
Сэ зэзэмызэ
къысфIощIыр псэ ахэм яIут,
Нарт шы фIэдзэпIэм
пщIэгъуалэ абрагъуэ епхам
Ещхьу уи |уфэм
кхъухь дахэ хужьышхуэхэр Iутщ.
Си тенджыз ФIыцIэ,
Кхъухь уардэ шэщIахэм я гъуэгу,
Уэгум ит дыгъэр
дыщафэу у и сыджхэм хоткIухь,
КъызэхэкIухь уемызэшуи
апхуэдэ нэгъуэщI
ЩIым щыбгъуэтынкъым
гуфIэгъуэкIэ уи гур зыгъэнщI. .
Кхъухьхэм хахыж я хъурзэр,
хагъэщIыну я гъуэгу,
Дыгъэ ешари жеину
къурш щIыбым дохьэж.
Си тенджыз ФIыцIэ,
си щIасэ, адыгэ хэгъэгу,
Си гур къыпхуонэри,
си пкъыр сэ гъуэгу тызохьэж.
(с) Бемырзэ Мухьэдин
Нравится Показать список оценивших
БЕМЫРЗЭ МУХЬЭДИН И ДУНЕЙР запись закреплена
Сурэтым итыр Кхъуэхъухэ я унагъуэрщ. Къэсей Хьэблэ (иджырей Хьэбэз). Абыхэм япхъут Бемырзэ Мухьэдин и анэшхуэ Бацу. (и адэ Хьэмид и анэр). Сурэтым деж ар пшынэм щхьэщытщ. Бацу пшынауэшхуэт. Абы теухуа lыхьэ хэтщ Мухьэдин и "Поэмэ нэщхъейм".
* * *
Бацу тхьэмыщкIэ. Ноби уи хъыбарыр
УзыщIэу щытыгьахэм къызжаIэж,
Показать полностью.
Урещхьт уэ цIыхуфIагъкIэ бегъымбарым,
Уи IитIри IэпэIэсэ мыувыIэжт.
Щыгъын зыхуэбдым къыщIэщыжырт и фэр,
Зи нэщхъ зэхэлъыр гуфIэу ббгъэдэкIыжт,
Уи пшынэм къикI макъамэм зэ кърифэм
Хуэхъужырт щымыгъупщэ гукъэкIыж.
Адыгэ фащэр зи IэрыкI си лъэпкъым
Абы и щапхъэр пфIэщIу птыриха,
Къыу хужь щIыкIафIэу дахэт уи
Iэпкълъэпкъыр,
Уи нэгур угъурлыфэ зэIухат.
Уи щхьэц дыщафэр хуиту бутIыпщамэ,
Псыкъелъэу лъэкIырт уи пкъыр щIихъумэн,
Уи нитI къыщIэплъым набдзэхэм я дамэм
Я нэхъ гу мылми зыхуищIынт къурмэн.
Сурэтым къищ уи нитIыр здэбгъэплъызым,
Си анэ пажэу, си Iэпкълъэпкъ зэкIуж,
Къысщохъур гурыгъуазэкIэ нэплъысу,
Абыхэм щIэуэ уи блэкIар якIуж.
Аргуэру уи щIалэгъуэу, уи дахэгъуэу,
Уи унэ пхашэм укъыщIохутэж,
Уи къуитIым уеплъыхункIи уи гум хэхъуэу,
Насыпыр зи тенджызу уогуфIэж.
Дунейр хъуэпсэгъуэщ, гъащIэри
гъуэзэджэщ,
Гугъуехьым я нэхъ инми сыт игуэщI
Гукъанэу уиIэр пщагъэгъупщэу зэкIэ,
Сабий дыгьитIыр щискIэ уэ уи куэщI?—
ГугъапIэ IэфIрэ гухэлъ нэхурэ зи бэм
Зэгуэрми уэ уи пщIыхь къыхэмыхуа
ЛIыщIыгъуэ плIанэм къэбгъэнэну ибэу
Уи бын цIыкIуитIу гу зыщомыхуар.
ДахагъкIи гу щабагъкIи тхьэр къотауэ
Апхуэдэу щхьэ ухъуа уэ гъащIэ кIэщI? —
Уи бынхэр къайгъэ мафIэм и уадауэм
Зэредзэр, къыщымыхъуу гъущIыкIэжь.
А цIыкIухэу щалъхуа унэми щыхамэм
Я гъащIэм плъэкIыу уэ ущыгъуэзэн,
Зэ закъуэ я гъы макъыр зэхэпхамэ,
УщэIуу бэным уэ зыщыбгъэзэнт.
Читайте также: