Щабэрык1уэ мэз к1уэрей загадка

Обновлено: 25.12.2024

Ваш браузер устарел
Попробуйте обновить его, чтобы работа ВКонтакте была быстрой и стабильной.

Свернуть

20 окт 2017 в 10:18

Сегодня встречался с Комиссаровым Андреем Михайловичем, заместителем начальника управления мониторинга, анализа и прогноза, начальником информационно-аналитического отдела Федерального агентства по делам национальностей. Обсудили проблематику сирийских черкесов, изучение адыгского языка в образовательных учреждениях Краснодарского края, проблему реализации Федерального закона «О гарантиях прав коренных малочисленных народов Российской Федерации» применительно к адыгам-шапсугам.
31 октября в г. Краснодар пройдет заседание рабочей группы с участием Министерства образования Краснодарского края, Департамента внутренней политики, управлений народного образования Успенского, Туапсинского и Лазаревского района г. Сочи, руководителей учебных заведений и черкесских организация Краснодарского края по вопросу изучения адыгского языка в образовательных учреждениях Краснодарского края. По вопросу сирийских черкесов будем готовить встречу в широком формате Федерального агентства по делам национальностей с черкесскими соотечественниками из Сирии с участием региональных властей и черкесских организаций России. Что касается реализации Закона в отношении адыгов-шапсугов как коренного малочисленного народа Краснодарского края, будем готовить соответствующие предложения совместно с краевыми властями и Федеральным агентством по делам национальностей.

Следующая загадка

Куна Аннаира

Имя, арами утек1уащ)дынохъуэхъу. Тыгъэр къып1эпыхьамэ хъыбар къыдэгъэщ1эж

Нравится Показать список оценивших

DELETED ответил Куне

Следующая загадка

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
До 500 000 руб. ежемесячно и 10 документов.

Выбранные нами методы соответствовали задачам занятия, характеру и содержанию учебного материала, уровню знаний, умений и навыков учащихся. Так, были использованы словесные методы: объяснение, вопросы; наглядные методы: изобразительная наглядность, демонстрация слайдов; практические; частично-поисковый, методы стимулирования мотивов интереса к учению: познавательные задания.Конспект урока по кабардинскому языку по теме "Псалъэр, псалъэ зэпыщ1ар" 2 урок (3 класс)

Псалъэр, псалъэ зэпыщ1ар 2урок.docx

Текстом Картинками

Темэр. Псалъэ, псалъэ зэпыщ1а. (2 урок) Мурадыр. Псалъэ зэпыщ1ахэм къызэрапщытэж псалъэ къыхуагъуэтыфу, упщ1э тэмэхэр псалъэхэм хуагъэувыфу есэн. Псалъэжьхэм я мыхьэнэр ящ1эн. Я бзэм, тхыбзэм зегъэужьын. Дыкъэзухъуреихь дунейр ф1ыуэ егъэлъагъун. Урокым къэдгъэсэбэпыпхъэхэр. «Адыгэбзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь»(С. Л.), псалэжьхэр, къуажэхьхэр, карточкэхэр. Урокыр зэрек1уэк1ынур 1. Урокым зыхуэгъэхьэзырын. 2. Къабзэрытхэмк1э лэжьыгъэ. Жь жь Хь хь Хъ хъ Жьа ажь хьа ахь хъа ахъ Жьажьэ хъыжьэ жьак1уэ 1) Мы тхыгъэхэр сыту зэхэт? (хьэрф, пычыгъуэ, псалъэ) 2)Хьэрфхэр вгуэшыт.(жьгъыжьгърэ дэгурэ) 3) Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэр? (жьажьэ­ хуэм, хуэмыху; хъыжьэ­ хахуэ; жьак1уэ­ 1эзэу, ек1уу, шэрыуэу псалъэф) Псалъэхэм псалъэ къыпыщ1а къыхуэфхь, абыхэм упщ1э хуэвгъэув. Ахэр хэту жьэры1уатэу псалъэуха зэхэфлъхьэ. (Хъыджэбз жьажьэ, щ1алэ хъыжьэ, ц1ыху жьак1уэ. Хъыджэбз жьажьэм емык1у хуащ1ащ. Щ1алэ хъыжьэм тек1уэныгъэр къихьащ. Ц1ыху жьак1уэм хъуэхъуэк1э дахэ и1эщ.) 3. Темэм елэжьын. Лэжь. 59. а) Къуажэхьхэм фыкъеджи, ахэр зэвгъащ1э. Точкэхэм я п1эк1э щытын хуей хьэрфзешэхэр къэфпщытэ. б) Фэ сыт хуэдэ къуажэхьхэр фщ1эрэ? Къевгъащ1эт фи ныбжьэгъухэм. Нап. 38, 39­хэм ит правилэхэм къыдогъаджэри я гум идогъэубыдэ. Лэжь. 60. а) Псалъэ зэпыщ1ахэм тэмэму къыдогъаджэ, точкэхэм я п1эк1э щытын хуей хьэрфзешэхэр къыдыдогъэхутэ. б) Къыхэгъэща псалъэхэр упщ1эхэмк1э зэхыдыдогъэдз. Сыт? – благъэ, щ1алэ, къуажэ, лъагъуэ, маф1э, махуэ,гъатхэ, къуацэ. Сыт хуэдэ? – лъагэ, дахэ, гуащ1э. Едапщанэ? – епл1анэ, ебланэ. Лэжь. 61. а) Псалъэхэм фыкъеджи къарык1ым фегупсыс. Точкэхэм я п1эк1э щытын хуей хьэрфхэр вгъэувурэ къифтхык1. Псалъэ зэпыщ1ахэм яужь къызэрапщытэ псалъэхэр скобкэхэм дэвгъэувэ. (Гъатхэ уафэр (гъатхэ) гъуанэщ. Гъэмахуэ тхьэмахуэр (гъэмахуэ) щ1ымахуэ гъуэмылэщ (щ1ымахуэ). Зы бжьыхьэ махуэм щ1ымахуэ псо (щ1ымахуэ) уегъашхэ. Псалъэ дахэм ( псалъэ) гуауэр пщегъэгъупщэ. Щ1ак1уэ ныкъуэщ1ыр (щ1ак1уэ) щыгъынкъым. Маф1э нэхур (маф1э) «благъэщ» жып1эу умык1уэ, хьэ банэ макъыр (банэ) «жыжьэщ» жып1эу къыумыгъанэ. Хабзэмыщ1э емык1ухьщ (хабзэ). б) Благъэ псалъэм мыхьэнэк1э къыпэщ1эуэ псалъэ тхыгъэм къыхэвгъуатэ. (благъэ – жыжьэ) в) Сыту п1эрэ хабзэмыщ1э жи1эм къик1ыр?(хабзэ зымыщ1э) Фэ фщ1эуэ п1эрэ хабзэхэм щыщ? Лэжь. 62. а) Скобкэхэр къызэ1уфхыурэ, дэут1ыпщык1а хьэрфхэр дэвгъэувэжурэ псалъэхэр къифтхык1. Къызэрапщытэ псалъэхэр къэфхутэ. б) Псалъэ зэпыувэхэр пычыгъуэурэ зэпывуди (жьэры1уатэу) ударенэр зытелъ пычыгъуэр зэриух хьэрфзешэм гу лъыфтэ. (Лъагъуэщ1э, щ1ымахуэку, джанэщ1э, бажэгъуэ, мастэнэ, хадэбгъу, щ1алэф1, псалъэщ1э, мазэк1э, гъэмахуэпэ, еджап1эщ1э, къамэдзэ, данэпл1э, мажьэдзэ, мэрак1уэпс, гуахъуэк1, дзасэпэ.) 4. Словарнэ лэжьыгъэ. Хабзэмыщ1э, напэ1элъэщ1, бдзэкъунтх псалъэхэр хэту псалъэуха зэхе­ гъэлъхьэн, вариантк1э макъ, хьэрф елъытак1э зэпкърегъэхын. Хабзэмыщ1э, ха­бзэ­мы­щ1э х/х/ ­ хьэрф дэк1уашэ дэгу гуэгъу зи1эщ а/а/ ­ хьэрфзешэ ударенэ зытелъщ б/б/ ­ хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зи1эщ з/з/ ­ хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зи1эщ э/э/ ­ хьэрфзешэ ударенэ зытемылъщ м/м/ ­ хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зимы1эщ ы/ы/ ­ хьэрфзешэ ударенэ зытемылъщ щ1/щ1/ ­ хьэрф дэк1уашэ дэгу п1ыт1а гуэгъу зимы1эщ э/э/ ­ хьэрф зешэ ударенэ зытемылъщ хьэрфу 9, макъыу 9. 5. Адыгэбзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь. Лэжь. 1. Къуажэхьхэм тэмэму къеджи уигу иубыдэ. Псалъэ къыхэгъэщахэм хьэрф дэхуар дэтхэж, жьэры1уатэу къызэрапщытэ псалъэхэр къахуэхь. Хадэжьым (хадэ) соплъэри къэб ныкъуэ солъагъу (мазэ). Щабэрык1уэ (щабэ) мэз к1уэрей (1эжьэ). 1эдэ­уадэншэу (уадэ) псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл). Лэжь. 2. Напэ1элъэщ1. Псалъэ дапщэу зэхэт мы псалъэр? (Напэ, 1э, лъэщ1) Ц1ыху къэс напэ1элъэщ1 дапщэ и1эн хуей? Лэжь. 5. Псалъэжьхэм къик1ыр жьэры1уатэу къыжы1э. Узэгугъур къогугъуж. Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ. Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ. Тхылъыр щ1эныгъэм и 1унк1ыбзэщ. 5. Яджар егъэбыдыл1эн. 1) Карточкэхэмк1э гэлэжьэн. Псалъэ зэпыщ1ахэр зэпыпхыурэ тхы. Адакъэк1э­ адакъэм и к1э Псалъэщ1э ­ … Хъыджэбзыф1 ­ … джанэжь ­ … Мэрак1уэпс ­ … мастэнэ ­ … 2) Упщ1эм жэуап етын. а)Хьэрфзешэ а –мрэ э –мрэ псалъэхэм щызэхэмыгъуэщэн папщ1э, сыт щ1эн хуейр? Уи щапхъэ къэхь. 6. Унэ лэжьыгъэ. Лэжь. 63. Планымрэ псалъэхэмрэ фригъуазэурэ хъыбар зэхэфлъхьи фтхы.

Следующая загадка

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
До 500 000 руб. ежемесячно и 10 документов.

Непосредственно образовательная деятельность осуществлялась в соответствии с конспектом. Конспект составлен самостоятельно, в соответствии с задачами основной общеобразовательной программы, соответствующими данному возрасту детей. В соответствии с содержанием применялись наглядные, словесные, практические и игровые методы. Были подобраны наглядные и игровые пособия, которые стимулировали и активизировали деятельность детей, побуждали к мыслительной деятельности.Внеклассное занятие по кабардинскому языку "Адыгэ 1уэры1уатэ" (1-4 классы)

Адыгэ 1уэры1уатэ.docx

Текстом Картинками

Темэр: «Адыгэ 1уэры1уатэ» (классщ1ыб лэжьыгъэ 3­4 кл.) «1уэры1уатэ» темэр пэщ1эдзэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм щаджым деж, егъэджак1уэм и пащхьэм иригъэувэж къалэнхэр (мурадхэр): 1. 1уэры1уатэр зищ1ысыр ц1ык1ухэм къагурыгъэ1уэн. 2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын адыгэ 1уэры1уатэм и жанр нэхъыщ­хьэхэм (таурыхъхэм, псысэхэм, псалъэжьхэм, джэгук1эхэм, усэрыбжэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм). 3. Еджак1уэ ныбжьыщ1эхэм егъэлъагъун 1уэры1уатэм и лъэп­ къыгъуэхэм ц1ыхухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ зэра1эр(абыхэмк1э ц1ыхухэм дунейм и щэхухэр къызэрахутэр, емрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу зэрызагъасэр, я акъылым, я бзэм зэрызрагъэужьыр, я зэф1эк1хэр нэхъ ин зэращ1ыфыр). джэгук1э 4. Ц1ык1ухэр егъэсэн, хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ жа1эжыфу, пса­лъэжь зэхахахэр щыпсалъэк1э къагъэсэбэпыфу, зэмыл1эужьы­гъуэхэмк1э джэгуфу, нэщэнэхэмк1э ц1ыхум и хьэлыр, дунейм и щытык1энур къахутэфу, хабзэ дахэ зыхэлъ я ныбжьэгъухэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу. Егъэджак1уэ: (хэзышэ псалъэмакъ). Ини ц1ык1уи, зыужьыныгъэ хьэлэмэтхэр зы1эрызыгъэхьаи е къы­к1эрыхупаи иджык1э къэхутауэ щы1э лъэпкъхэм зыри яхэткъым зи 1уэры1уатэ зэзымыгъэпэща, ар зимы1э, пасэхэми иужьк1и ар зыубгъуауэ зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Лъэпкъым, ц1ыхум зыхуэмей зэик1 къагупсысыркъым, зэдэууэ абыхэм псоми я 1уэры1уатэ щызэхалъхьэк1э ар зыгуэрым епхащ, 1эмалыншагъэм къыхэк1ащ. Къалэн зэхуэмыдэхэр игъэзащ1эу л1эщыгъуэ куэдк1э ар къызэрыгъуэгурык1уам и щыхьэтщ. Адыгэхэм я дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, л1ыгъэри. 1уэры1уатэм ныбжьышхуэ и1эщ. Абы лъэпкъым и ныбжьыр и ныбжьщ. 1уэры1уатэ псалъэр езыр къызэрыригъажьэ «1уэ» 1ыхьэм къи­ к1ыр «жы1э» жыхуи1эу арщ. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, 1уэры1уатэм къик1ыр жы1эры1уатэщ. Адыгэ 1уэры1уатэм къызэщ1еубыдэ нарт хьыбархэр, псысэхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр нэгъуэщ1хэри. Пэжщ, ди лъэхъэнэм 1уэры1уатэм и пщ1эр нэхъ къэлъэхъшащ. Ар епхащ тхылъ, радио, кино, телевиденэ, Интернет хуэдэхэр къызэрежьам. Таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп­гупу зэрызэщхьэщык1ыр. Еджак1уэ: Адыгэ 1уэры1уатэм и куэдщ таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Ахэр хьэлэмэту зэхэлъщ, купщ1аф1эщ, на1уэщ, шэрыуэщ. Ижь ­ ижьыж зэман лъандэрэ ц1ыхум природэр къигъэ1урыщ1эфу, къуалэбзухэм хуэдэу лъэтэфу, зыхуейр ягъуэту, 1ейм тек1уэу псэуну хущ1экъу зэпыту къок1уэк1. Мис апхуэдэ 1уэхугъуэхэм къегъэщ1 таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Абыхэм сыт щыгъуи пэжыр пц1ым, ф1ыр 1ейм щыток1уэ. Зытепсэлъыхь 1уэхугъуэ елъытак1э таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ гуп ­ гупу зэщхьэщок1. Абыхэм нэхъ щытепщэщ бажэ, дыгъужь, мыщэ, адакъэ, бгъэ, пц1ащхъуэ нэгъуэщ1хэри. Мыпхуэдэ псысэхэр нэхъыбэу щаусар ц1ыхум щак1уэныр нэхъ и 1эщ1агъэу щыщыта зэман жыжьэр арщ. Хьэк1э­кхъуэк1эхэм теухуа псысэхэм щ1агъыбзэк1э къа1уатэр ц1ыхухэм я зэхущытык1эр, абыхэм я хьэл ­ щэнхэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ хьэлэлымрэ хьэрэмымрэ, бзаджэмрэ, 1эсэмрэ, пэжым и телъхьэмрэ пц1ыупсымрэ. Еджак1уэ: Ет1уанэ гупым хыхьэхэр шыпсэу, удыгъэ зыхэлъу щытщ. Мыпхуэдэ шыпсэхэм къыхэщ ц1ыхухэми, псэущхьэхэми къалъэтыхь: уд фызыжьым куэд лъок1, благъуэм тенджызыр зы 1убыгъуэу иреф. Мып­хуэдэ псысэхэр щок1уэк1 псы щ1агъым, щ1ы щ1агъым, губгъуэ, мэз пхы­дзахэм. Еджак1уэ: Ещанэ гупым хыхьэ таурыхъхэр л1ыхъужьхэм, мылъку зэгъэпэщыным теухуащ. Л1ыгъэ зезыхьэу мыбыхэм нэхъыбэу къахэщыр зэкъуэшищым я нэхъыщ1эрщ. Абы еук1ыф къуажэр зымыгъэпсэу иныжьыр, я псыр зыубыдауэ зыри зыпэмылъэщ благъуэр. И теплъэк1э фейцейуэ щытми, гурыщ1э къабзэ и1эщ, пэжым и телъхьэщ, дэ1эпыкъуэгъу зыхуэхъур гузэвэгъуэ къызылъэ1эса ц1ыхухэрщ. Абыхэм я 1уэху зэф1имыгъэк1ауэ, ахэр аразы имыщ1ауэ и щхьэ 1уэху зэрихуэркъым. Аращ абы и мурадхэри къыщ1ехъул1эр. Апхуэдэ ц1ыхур лъэпкъым егъэлъап1э, е1эт. Еджак1уэ: Епл1анэ гупым хыхьэхэр къэхъукъащ1эхэмрэ тхыдэмрэ теухуахэщ. Мыбыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы къэхъукъащ1э гуэрщ. Псалъэм папщ1э, л1ыхъужьыр тенджыз т1уащ1эм зэпрок1ри шыбз гуартэ къызэпреху. Шыхэм зэ уафэм, зэ тенджыз щ1агъым, зэ мэзым зыща­ гъэпщк1у. Мы гупым хыхьэхэр апхуэдизк1э таурыхъыфэщи, ф1эщ щ1ы­ гъуейщ апхуэдэ 1уэхугъуэхэр къэхъунк1э хъуну е къэхъуауэ щытауэ. Апхуэдэу щытми, абыхэм лъабжьэ яхуэхъур дунейм и зы къэхъукъащ1э гуэрщ. Апхуэдэу таурыхъыф1у 1уэры1уатэм игъэщ1эращ1эу, игъэлъап1эу щытыр лъэпкъым и л1ыхъужьхэрщ, абыхэм я 1уэхущ1афэхэрщ, я тхыдэрщ. Еджак1уэ: Етхуанэ гупым хыхьэхэр унагъуэм, быным, лэжьыгъэм, хабзэм теухуахэрщ. Мыбыхэм къыхощ бейхэмрэ тхьэмыщк1эхэмрэ яку дэлъа бэнэныгъэр. Мыпхуэдэ таурыхъхэм щызэпэщ1оувэ бе­ймрэ тхьэмыщк1эмрэ, быдэмрэ хьэлэлымрэ, пэжымрэ пц1ымрэ. Еджак1уэ: Еханэ гупым хыхьэхэр ц1ыхумрэ псэущхьэхэмрэ я зэхущытык1э къэзыгъэлъагъуэхэрщ. Мыбыхэм ц1ыхур гузэвэгъуэ ихуа нэужь, ар абы къыхэзышыр, дэ1эпыкъуэгъу къыхуэхъур зы псэущхьэ гуэрщ. Мыхэр къежьащ ц1ыхум псэущхьэхэр («Бажэмрэ дыгъужьымрэ» сценкэ 1эрыгъасэ ищ1у щыхуежьа зэманым. къэгъэлъэгъуэн). Псалъэжьхэр. Егъэджак1уэ: Псалъэжьхэр 1уэры1уатэм и адрей жанрхэм зы­ къомк1э къащхьэщок1: мыхэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1э, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зык1элъыплъа 1уэхугъуэ гуэрхэм ехьэл1ащ. Псалъэжьхэр бзэм и гъусэу, къыгуэхып1э имы1эу абы епхауэ щытщ. Аращ ахэр ц1ыхум нэхъыбэрэ къыщ1игъэсэбэпри, нэхъ куэдым щ1ащ1эри. Лъэп­къым и гупсысэри, и дуней еплъык1эри, и акъылри на1уэу къыхощ пса­ лъэжьхэм. Сабийм лэжьыгъэр ф1ыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ яхуищ1у, нэхъыщ1эм къыщхьэщыжу, л1ыгъэ, хьэл­щэн дахэ хэлъу къэтэджынымк1э псалъэжьхэм я пщ1эр ин дыдэщ. Еджак1уэ: Псалъэжьхэр зэщхьэщыбгъэк1 хъунущ мыпхуэдэ гупурэ: 1. Лэжьыгъэм ехьэл1ахэр. 2. Ц1ыхум и дуней еплъык1эм епхахэр. 3. Хабзэм, нэмысым ехьэл1ахэр. 4. Ц1ыхум и хьэл­щэныр къэзыгъэлъагъуэхэр. 5. Гъэсэныгъэм, сабий п1ыным ехьэл1ахэр. 6. Бзылъхугъэм теухуахэр. 7. Щхьэхынагъэм, хуэмыхуагъым ехьэл1ахэр. 8. Гъэм и зэманым теухуахэр. 9. Хьэл­щэным, хьэщ1агъым ехьэл1ахэр. (Псалъэжьхэр къазэрыгуры1уэр жа1э). 1. Зэхьэзэхуэр мэунэри зэижит1ыр мэунэхъу. 2. Нэхъыжь к1элъыджэркъым­к1элъок1уатэ. 3. Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ зэкъуэшщ. 4. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ, си Хэкужь сыщыл1э. 5. Куэд жызы1э нэхърэ, куэд зылэжь. 6. Хуэмыху зимыгъазэурэ мазэр къохьэж. 7. Гъатхэм жеяр, бжьыхьэм магъыж. 8. Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь. Сабий джэгук1эхэр. Егъэджак1уэ: Дэтхэнэ зы лъэпкъми хуэдэу, адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ зыбжанэк1э зэрагъэпэщауэ я1эщ щ1эблэм и акъылым зегъэужьынымк1э 1уэры1уатэ хьэлэмэт. Сабий 1эры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ ц1ык1ухэм емрэ ф1ымрэ зэхащ1ык1ыу, къэк1ыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ ф1ыуэ ялъагъуу, нэхъыжьым пщ1эрэ нэмысрэ хуащ1у, мыхъумыщ1эу щымыту, тэмакък1ыхьу, бэшэчу, щхьэх ямыщ1эу гъэсэнымк1э. Еджак1уэ: Щ1эблэр щагъасэк1э адыгэхэм 1эмал зэмыл1эужьы­ гъуэхэр къагъэсэбэпырт. Абыхэм ящыщ зыт джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэр. Сабийм и 1эпкълъэпкъым, акъылым, гупсысэк1эм зрагъэужьу, 1эрыхуэу, къарууф1эу ирагъасэу адыгэхэм я1эщ джэгук1э куэдхэр. Абыхэм ящыщщ: «Гъуэргъуапщк1уэ», «К1эн джэгу», «Пы1э къуэдзэ», «Хэш», «Жьынду», нэгъуэщ1хэри. («Хэш» джэгук1эм мэджэгу). Къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр. Егъэджак1уэ: Сабий 1уэры1уатэм и жанр гъэщ1эгъуэнхэм ящыщщ къебжэк1хэр, джэгузэхэшэхэр, щ1энэк1алъэхэр. Джэгузэхэшэхэр е зэрабж усэхэр хьэлэмэту зэгъэк1уауэ зэхэлъщ. Абы къыхэк1к1э, ахэр жы1эгъуаф1э, гум иубыдэгъуаф1э мэхъу. Джэгузэхэшэхэм я нэхъыбэр гушы1эу зэхэлъщ. Зэрабж усэ ц1ык1ухэм я къалэн нэхъыщхьэр гупыр джэгук1э гуэрым хуэгъэхьэзырынырщ. Апхуэдэхэмк1э къыщ1адзэ джэгук1эхэмк1э псори аразыщ. Зэрызабж усэм и щ1эдзап1эр хуозэ усэр жызы1эм, адэк1э псоми я бгъэм е1усэурэ усэм щыщ зы пычыгъуэ е псалъэ ц1ык1у къэс къа­ лъегъэс, и к1э дыдэ пычыгъуэр зытехуэр хок1, апхуэдэу къыщ1адзэжурэ забж, псори хэк1ыу, зы ф1эк1а къэмынэжыху. (зэрызабж усэхэр). 1. Инэмыкъуэ. 2. Уэри­уэр. 3. Зэк1. 4. Унэку. 5. Шэ фэндырэ. 6. Инэ коп. Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэр джэгуурэ зыгуэрк1э щызэщыхьэжым деж, къагъэсэбэпырт щ1энэк1алъэхэр. Абыхэмк1э ауан иращ1 сабий зыгъэгусэрейр, джэгум хэмызагъэр, пц1ыупсыр, щхьэхынэр. Еджак1уэ: Щхьэхынэм зэрыщ1энак1э. Уцэ щхьэц бапхъэ, кхъуейжьапхъэ 1упэ. Бжьыпэ убыд, къаубыдыр зы1эщ1эк1. К1элъэфыр зи дагъуэ, шэджагъуэрытэдж. Джак1уэр зи жагъуэ, гъуагъуэр зи ныбэ. Блэ шэрэз дыкъуакъуэ, ныкъуакъуэ бырт1ым. Т1ымыжь гурывэ, жьэрывэ бзаджэ. Къэудж адакъэ, къэдабэ джанэ. Анэ мыда1уэ, 1уэхуншэ нат1э. Т1энк1э мыщ1агъуэ, гъуэншэдж лъэпахъуэ. Хъуэрыр зымыдэ, дэ ц1ынэ 1эпэ. Пэ теуда, дапхъэм щыгъуащэ. Пэщащэ лъакъуэ. къуак1э къыдэнэ. Банэр зыхэуэ, уэуэур зи махуэ. Хуэмыху фэндырэ, шэдыр зи к1уап1э. Ят1э лъэгуажьэ, 1эбжьанэ лэныстэ. Сабын щышынэ, хьэр зыгъэбанэ. Псысэ хуэмылъэ, тхылъ хэмызагъэ. Загъэр зымыщ1э, шк1ащ1э къэтэдж. Мыщхъыдж щитхьэлэ, лэжьэнк1э уашхэу, Шхынк1э дыгъужьыр, мэрэк1уашхэ здэдмышэн! Еджак1уэ: Усэрыбжэ. Инэ, инэ, инэ мыкъуэ. Мыкъуэ щхьэл, Щхьэл къутэ, Къутэрауэ, Щауэ мыхъу, Щауэ хъурзэ. Хъурзэ нат1э Хьэ нат1ищ. Л1ищ зыук1, Зызук1ыж, Аныргъагъ, Лъэрыгъыпс, Хьэнтхъупсафэ, Псафэ екъу, Къурей нак1уэ, Нак1уи т1ыс, т1ыс, Аслъэн! Еджак1уэ: Джэгузэхэшэ. Уэ хъуромэ, хъуромэ, ­ Уо, уо! Уэ хъуроми токъу, ­Уо, уо! Токъмакъ зи 1эщэ. ­ У о, уо! Зи 1эщэрилэ, ­ У о, уо! Елэн къэгъэши, ­ У о, уо! ­ Чышыр зи уанэ, ­ Уо, уо! Уанэ лъэгубгъуэ. ­ У о, уо! Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ, ­ У о, уо! Девгъэджэгуажьэ! ­ У о, уо! Девгъэжьэжыпэ! ­ Уо, уо! Еджак1уэ: Т1у зэзэуамэ ауан зэращ1ыр. Мыстрэ Мыстрэ зэзэуа, Мыст и нак1эр щ1ауда, Мыстыр щтэри щ1эпхъуэжа, Мыстхэ дежк1э дэлъэда, Мыстхэ я хьэр къыхуилъа, Лъейуэ пщ1ант1эм дэжыжа. Жэк1э унэм къэк1уэжа. Дзыгъуэ гъуэмбым и1эба Апэсит1 къриха, К1энфетит1 къищэхуа, Езым псори ишхыжа! П1и, п1и ишхыжа! Еджак1уэ: Пц1ыупсым зэрыщ1энак1эр. Мо щ1алэжьыр башыпэк1э мавэ, И вым уанэ трелъхьэ, И хьэр псафэ ешэ, И шым вакъэ щет1агъэ, Гъэшым шыгъу хедзэ, Шху – п1астэрывэ, Бжэ1упэ вак1уэ! И тутыныр къурыкъу, Къэрэкъурэр и баш Шыпхъум и щхьэр еупс, Пц1ы иупсу къек1ухь! Псынщ1эрыпсалъэхэр. Егъэджак1уэ: Псынщ1эрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъит1у е я къэпсэлъык1эк1э гугъуу зэпха псалъэ гупу зэгъусэу къок1уэ. Псын­ щ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ. Пщыхьэщхьэхэр абык1э зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу­щэ жы1эн хуейт. Еджак1уэ: 1. Нанэрэ дадэрэ зэблопсэлъык1­къызэблопсэлъык1ыж, зэблопсэлъык1э­къызэблопсэлъык1ыж. 2. Къепсыр къепсу Къепсыхыжри­ Къепсыр, къепсри­ Бзэхыжащ. 3. Е семышу сезэша? Е сешауэ сызэша? 4. Мо банапц1эм сыкъелъэ­сынелъэ, Мо банапц1эм сыкъепк1э­сынепк1э. 5. Пылым пит1 пыт, Хьэмэрэ к1ит1 пыт? 6. Мо бжэкъуагъым Къуэлъ жыхапхъэр Унащхьэмк1э Щхьэпрызут1ыпщык1, Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж, Щхьэпрызут1ыпщык1, Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж. 7. Выжь къуагуэр Мэкъугум Гъуэгукум Щемыкъу. 8. Сэралъп и алъпыр Мэлъэпэрапэ. Сэралъп и алъпыр Мэлъэпэрисэ. 9. Джэдыгу гъуру Дыгъужьыжь, Ущыдыгъуэр дэнэ, щхъуэжь? 10. Хъэндыркъуакъуэ щ1акъуэр, Къуанщ1э лъакъуэм щ1окъур. Къуажэхьхэр. Егъэджак1уэ: Къуажэхьхэр жыжьэ къыщожьэ. Абыхэм къагъэ­ лъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъэр, и акъылыр и жанагъыр. Къуажэхь джэгуным дихьэхырт сабийри балигъри. Къыщыхъу щы1эт къуажэ гъунэгъухэр щызэпеуи, хэт и къуажэхьыр нэхъ дахэми, нэхъ къэщ1эгъуейми зэхагъэ­к1ын мурадк1э. Къуажэхьыр къыпхуэмыщ1эмэ, къуажэ, къалэ ептын хуейт. Къуажэ е къалэ къратар трамыхыжын щхьэк1э, абы тебжэрт: «Ф1ыгъуэу дэлъыр къэзыхь, къэзышх, къыдэзыгъэк1и псы изык1эж, стезыхыжынур адакъэшым тесу, щ1опщ пагуэжь и1ыгъыу къренэ!» Еджак1уэ: 1. Вак1уэ дэк1ым к1элъоджэ, къаджэ­наджэу къек1ухь. 2. К1уэ пэтми, бжьиз зымык1у. 3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ, зауэл1ищэм я напэ. 4. Цыпхыдзэр зи пащ1э, хуэмып1ащ1эу дзыгъуащэ, гуащэ жьан т1эм дэмык1, зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу. 5. Дэнэ ук1уэми пк1эрымык1. 6. Уд ф1ыц1э пэ дыд, тхьэк1умак1эм зыхесэ, уэсэпс къехмэ мэмэх, хьэ хыжыгъуэм мэятэ, мэкъуауэгъуэм мэтэдж. 7. Башыпэ к1апсэ, к1апсэпэ мастэ. 8. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ. 9. Хэт къак1уэми ф1эхъус ирех. 10. Щабэрык1уэ, мэз к1уэрей. (Къехыу: Нашэ­къашэ, хьэ лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумп1ыкъ» же1эри псым хопк1эж). (Къуажэхьхэр къэщ1эн. Кроссвордым итхэн.) Нэщэнэхэр. Егъэджак1уэ: Дунейм и п1алъэ зыщ1эу псэууэ щыта пасэрейхэм къащ1энащ нэщэнэ куэд, 1эзагъэ, 1эмал, гурыхуагъэ. Нэщэнэхэр игу ириубыдэк1эрэ, дунейм хуэ1эзэ хъук1эрэ ц1ыхум и зэф1эк1ым зригъэужьырт, гъащ1эм хуэ1эижь хъурт. Зэпеуэ: (Еджак1уэхэр) 1. Джэдынэ зышхыр мастэнэк1э 1эзэ мэхъу, жа1э. 2. Дзэлыр пхъащхьэм хэплъхьэну ф1ыкъым, жа1э. 3. Ежьам к1элъыджэркъым, к1элъыгъыркъым, ар мыф1у ялъытэ. 4. Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэж хъунукъым­уздэк1уэр къомыхъул1эну ялъытэ. 5. Шур гъуэгу техьа къудейуэ и шыр пырхъамэ, къигъэзэжырт, гъуэгур къемыхъул1эну илъытэрти. 6. Зыгуэр ишхыну ептарэ игъапсчэмэ, хьэлэл хуумыщ1ауэ къабж. 7. Ипщэк1э уафэр япэу щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэф1, бэв хъуну ялъытэ. 8. Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ. 9. Щ1ым уэск1э зимыгъэнщ1амэ, уэшк1э зигъэнщ1ыркъым, жа1э. 10. Хьэм удз ишхмэ, гъавэр бэв хъунущ. Еджак1уэхэм къащ1ар къызэщ1эзыкъуэж псалъэмакъ.

Читайте также: