Али шогенцуков стихи на кабардинском языке

Обновлено: 25.12.2024

Поэзия Кабардино-Балкарии (Поэзия КБР) вернуться к странице

Поэзия Кабардино-Балкарии (Поэзия КБР) запись закреплена

Али Асхадович Шогенцуков. Нанэ

Уэ пщ1эрэ уи щ1алэ ц1ык1ур
Хы 1уфэм щепэзэзэхыу?
Щ1ып1э хамэм анэ-адэншэу
Къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу?

Щы1экъым мыбы зы махуи 1
уащхьэмахуэ сигъэлъагъуфу,
Щы1экъым мыбы зы ани,
Нанэ, уэщхьу 1э къыздилъэфу.

Щыхьэрщ… и лъабжьэр тенджызу,
Гызыжу кхъухьхэр къепщыл1эу,
Хьэпшыпхэр пл1эк1э кърахыу,
Ферс ф1ейк1э напэр щалъэщ1у.

Си нанэ, а хьэлъэзехьэхэрщ
Нобэк1э къызэдэхащ1эр,
«Зеиншэщ мы хъарып ц1ык1ур», -
Жа1эурэ 1э къыздэзылъэр.

Апхуэдэхэм я 1эгухэр пхъашэми,
Си щхьэфэм щабэ къохъуэк1ыр,
Анэбгъэм си 1эр пэжыжьэми,
Гужьеигъуэм абы сыхашыр.

Нанэ, ф1ыти сыкъыумылъхуамэ,
Бэлыхьхэми ухэзмыдзамэ,
Зедзэну уи щ1алэ ц1ык1ур
Къэмыхъуу е л1эжыгъамэ.

Сыт къуаншагъэу, Тхьэ, уэзлэжьауэ
Дунейм пц1анэу сыщ1ытебдзар?
Дзы имы1эу нанэ тхьэмыщк1эми
Нэпс щ1игъэжу къыщ1эбгъэнар?

Ара уэ узэрызахуэр, -
Сабий гъыбзэр зэхыумыщ1ык1ыу,
Пхъэнк1ийхэм ар щыхэжаек1э
Ныбэизхэр щыбгъэдыхьэшхыу?

Умыдзыхэ, си нанэ дыщэ,
Л1ы ищ1ынщ уи къуэр 1эшт1ымым,
Зэман к1эщ1к1э ар нэк1уэжынщи
Щыплъэжынщ Бахъсэн аузым.

Читайте также: